Хъыджэбз щхьэхынэм и уэрэд

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Янэр жьыщхьэматэу пӏэрэ

Матэ къызитыну пӏэрэ,

Щхьэлым сигъэкӏуэну пӏэрэ?

2. Гуащэ щхьэкӏыхьыжьу пӏэрэ,

Пхъэхь кӏыхь къызитыну пӏэрэ,

Псыхьэ сигъэкӏуэну пӏэрэ?

3. И къуэр жыӏэдаӏуэу пӏэрэ,

Янэм едэӏуэну пӏэрэ,

«Жьыуэ тэдж» жиӏэну пӏэрэ?

4. Бригадирыр къаджэ мыгъуэм,

Янэр къызжьэхэлъэу

Лажьэ къызжиӏэну пӏэрэ?

5. Янэр анэ бзаджэу пӏэрэ,

Дякум къыдыхьэну пӏэрэ,

Сахэмызэгъэну пӏэрэ?

6. Езыр трактористу пӏэрэ,

Сабын къысхуихьыну пӏэрэ,

Жьыщӏэ къызжиӏэну пӏэрэ?

Мы уэрэдыр пленкэм трагъэтхащ Тхьэгъэпсэу Хъаний жиӏэу, Пщыхьэщӏэ Мухьэжыр пшынэкӏэ дежьууэ.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: п1эрэ