Слова - М. Коготыжев
Музыка - А. Кулов
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Илъэс дэкӏыхукӏэ и дамыгъэр, уэ къыпхуэупсэу тыгъэ пхуещӏ
Сэ уи нэ гуапэхэм сыщӏэплъэу гукъэнэ гъэхэм яхузэщӏ

Си анэ, щыӏэкъым нэхъ лъапӏэ! Уи нэкӏу зэлъам ӏитӏ пхъашэ хъуам
Сэ гъащӏэу сиӏэм и кӏыхьагъкӏэ, сыпхуэусэну семышын, си анэ, семышын!
Уи нэкӏу зэлъами, уи щхьэр тхъуами, уэ жьы иджыри умыхъуа,
Гугъуехьыу ӏэджэ уэ плъэгъуами, уи бынхэр хъуапсэу щымыта!
Си анэ, щыӏэкъым нэхъ лъапӏэ! Уи нэкӏу зэлъам ӏитӏ пхъашэ хъуам
Сэ гъащӏэу сиӏэм и кӏыхьагъкӏэ, сыпхуэусэну семышын, си анэ, семышын!
Сэ фӏыгъуэу щыӏэр ныпхуэсщӏэфми, уэ пщӏам и ныкъи ар мыхъун,
Ппэӏэщӏэ иджыпсту сыхъуами, дакъикъэ си гум уимыхун!