Исполнители: Дина Харадурова
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Пшынэр бзэрабзэу дыкъофэ (уей),
Ди щӏалэгъуалэм ещӏ ислъамей.
Хабзэ-нэмыскӏэ дэ дыкъулейщ,
Аргудан къуажэр псэум уралейщ.
Припев:
Аргудан къуажэу, дипсэм ялей,
Ухудогъадэр уэ щӏыхъурейм.
Адэжь и лъахэу ди жылэ (уей),
Пэтщӏын щымыӏэ дэ мы дунейм.
Ди щӏылъэ щхъуантӏэр дахащэщ (уей),
Шыгъу-пӏастэ ӏэнэр ди бэрэчэтщ.
Щӏалэ къуданхэр ӏумахуэщ (уей),
Хьэщӏэ къеблагъэм, дыкъимыкӏуэт.
Припев.
Аргудан къуажэу гуфӏэгъуэр зей,
Сабийхэр куэщӏым ӏэфӏу щожей.
Ар и жылагъуэщ ди Къэбэрдейм,
Абы нэхъ дахэ дэ дыхуэмей.
Припев.
Дей думэныгъуэу уи псынащхьиблым
Дыгъэ нэбзийхэр нуру къапех.
Зыкъыпхуагъафӏэу вагъуэ зэшиблым
Аргудандэсхэм сэлам къывех.
Припев.
Фӏыгъуэ насыпыр ди жьэгуу (уей),
Дэ дызэкъуэту жылэр допсэу.
Гъащӏэм и дахэр ди гъуэгу (уей),
Аргудандэсхэр тхьэм дигъэпсэу.
Припев.