Щыгъэт, щыгъэт!

Исполнители: Ислам Пшихачев и Карина Замаева

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Псэм урищӏасэщ, си дахэкӏей,

Куэд уриуасэщ, псоми я лей.

Жейм семызэгъыу сыкъэбгъэнащ,

Гупсысэм уэ сыхэбдзащ.

Ай-ай-ай, щыгъэт, щыгъэт!

Адыдыд, жыхуэпӏэр сыт?!

Ауэуэу, къэпшам игъэс,

Фӏыуэ слъагъум сыпумыгъэкӏ.

Гухэлъ толъкъуныр сипсэм щоӏэт,

Уи нэ дахитӏыр къысщомыгъэпщкӏу.

Уэращ си гъащӏэм сызыпэплъар,

Си лъагъуныгъэ гум къеӏусар.

Ай-ай-ай, щыгъэт, щыгъэт!

Адыдыд, жыхуэпӏэр сыт?!

Ауэуэу, къэпшам игъэс,

Фӏыуэ слъагъум сыпумыгъэкӏ.

Си гугъэ пщтырхэм селыгъуэр, уей,

Сигури сибгъэм къолъэтыр, уей.

Мы дунеишхуэм сытемыхуэж,

Си лъагъуныгъэр мыужьыхыж.

Ай-ай-ай, щыгъэт, щыгъэт!

Адыдыд, жыхуэпӏэр сыт?!

Ауэуэу, къэпшам игъэс,

Фӏыуэ слъагъум сыпумыгъэкӏ.