Пыӏэ фӏыцӏэ цӏыкӏур

Псалъэхэр зытхар - Сиихъу А.

Макъамэр зытхар - Натхъуэ Ж.

Исполнители: Асият Асланова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пыӏэ фӏыцӏэ цӏыкӏур натӏэм тесщ,

Жыпӏа псалъэр псори си гум нос.

Фӏыщэу услъэгъуащ, си гум щыщ ухъуащ,

Жыпӏа псалъэр пэжмэ, къэгъэзэж.

Припев:

Сыпщыгъупщэжами, си гум уэ уимыкӏ,

Уи гум симылъыжми, нэгум ущӏэмыкӏ.

Махуэри бгъэкӏуэнт, жэщхэри бгъэкӏуэнт,

Ущӏегъуэжмэ, сумыгъуэтыжын.

Сэр нэхъыфӏ уимыӏэу жыпӏэу щытащ,

Си фӏэщ хъуну ар сэ сыхэтащ.

Махуэкӏэ сыножьэ, жэщкӏэ сынопщӏыхь,

Щхьэ уэ щӏалэм си гур хэбгъэщӏа?

Припев.

Дыгъэр тӏысмэ, мазэри къыщӏокӏ,

Сигу укъэкӏмэ, нитӏым нэпсыр щӏокӏ.

Щхьэ сыногуэдэӏуат, жыпӏэр си фӏэщ хъуат,

Пхэмылъ куэдыр сэ уэ къыпхэслъхьат?

Припев.

Источник: @zhygue

Слушать бесплатно в исполнении Асият Аслановой

ключевые слова: пы1э ф1ыц1э ц1ык1ур