Къэбэрдей хьэжрэтхэм я гъыбзэ

народная песня

Исполнители: Доган Кушха

Категории: кабардинские песни 

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Ныжэбэрей жэщми, рэуи,

Вагъуэхэр собжри, рэлахь,

Щхьэцыпэм и бжыгъэурэ, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, дэ цӏыху тфӏэкӏуэда мыгъуи, рэлахь.


2. Мы ди хьэжрэт пщыжьхэри, рэуи,

Я псэ емыблэж мыгъуэт, рэлахь,

Уэр, ди щӏалэ бланэхэр, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, хьэдэу къытхуашэж мыгъуэ, рэлахь.


3. Ныжэбэрей жэщми, рэуи,

Топыжьхэр мэгъуагъуэ мыгъуэ, рэлахь,

Дызэщӏэгъуэгэжурэ, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, хэкужьым дыраху мыгъуэ, рэлахь.


4. Жылэр къызэрыдэджэри, рэуи,

Уэр, истамбылакӏуэ мыгъуи, рэлахь,

Дызыхуэкӏуэр дымыщӏэурэ, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, дэ гъуэгу дытеува мыгъуи, рэлахь.


5. Уэр, мы кхъухь фӏыцӏэжьхэри, рэуи,

Жьыбгъэм къызэредзэ мыгъуэ, рэлахь,

Уэр, зэхэзедзэнурэ, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, утыку дыкъина мыгъуи, рэлахь.


6. Дэ ди хьэблэ цӏыхухэри, рэуи,

Къызэщӏокӏие мыгъуэ, рэлахь,

Дэ ди кӏий макъри, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, зыми зэхимых мыгъуэ, рэлахь.


7. Уэр, мы кхъухь фӏыцӏэжьхэри, рэуи,

Хы ӏуфэм къокӏуалӏэ мыгъуэ, рэлахь,

Уэр, екӏуэлӏапӏэншэуи, сэрмыгъуэ дыдэ,

Ей дуней, губгъуэм дыкъина мыгъуи, рэлахь. 

Ключевые слова: ц1ыху тф1эк1уэда