Адыгэ уэркъ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Адыгэ уэркъыу зипщӏэр лъагэм,

Зэхэфхмэ ицӏэр фыкъэтэдж.

Фэращ зи фӏыщӏэр дыадыгэм,

Ди щӏыхьыр хъуамэ мыкӏуэдыж.

Чэщани къали иухуакъым,

Игъащӏэр тыншыу имыхьат.

Ауэ зэманыр пэмылъэщыу

Хабзэ дахащэ къигъэнащ.

Адыгэ уэркъыр мыпсэлъащэт,

Жиӏам епцӏыжыу имыхьэлт.

Сабийм, цӏыхубзым хуэӏущабэт,

И бий хуэзамэ къемылт.

И гъащӏэм щхьэкӏэ мыгузавэт,

Ауэ и напэм щхьэр щӏитынт.

Адыгэ хэкуу псэм щигъафӏэр,

Лъы ӏэм ӏэщӏэтыу къыуимытынт.

И ӏэщэр, фащэр, адыгэшыр

Мы дуней псэум къаригъэщӏат.

И нэмыс лъагэу ихъумэжыр

Жыр къабзэм хуэдэу къигъэнат.

Источник: Anzor