Нысашэ къэхъуащ (версия 2)

народная песня

Есть другие версии: Нысашэ къэхъуащ (версия 1)

ТЕКСТ:

Уей, нысашэ къэхъуащ.

Уей, шылэ джэдыр къытхуащтэ,

Уей, шылэ джэдыр тхауныкъу.

Уей, я фэ лъейхэр зылъакъуэ,

Уей, я пыӏэжьхэр къракъухри,

Уей, чэум зэрыдохыр.

Уей, я къехуэхыр нэхъыбэщ,

Уей, уанэ къуапэ трагъэз,

Уей, шу зырызурэ къокӏуэсэж.

Уей, нысэуэ къатшэри,

Уей, нэ фӏыцӏэ пэрикъи,

Уей, къарэ пэтӏини,

Уей, дэным хуэӏэши,

Уей, хьэрэшэкӏэ бзаджи,

Уей, быныр зыӏегъыхьэр.

Уей, къихьэм хуодалъэр,

Уей и лъэдакъэ пымыт,

Уей, ӏэщӏэплъхьэхэр мэкӏуэд.

Уей, нысэ къыдошэ.

Уей, къызыхуэтшэ щауэри,

Уей, щауэ щхьэхынэщ,

Уей, пхэщӏыщхьэ задэщ,

Уей, адэ щӏэин хуэнацӏэщ,

Уей пцӏы упсыным хуэӏэзэщ,

Уей, зигъэзэжу мэжей,

Уей, бжэн щтауэ зеплъыхь,

Уэ сыт мыгъуэр уфыз.

Уей, насашэ къэхъуащ.

Уей, нысэуэ къатшэри,

Уей, щауэм дейкӏэ фӏэдахи,

Уей, гуащэм дейкӏэ фӏэщаби,

Уей, быным дейкӏэ тфӏэжани.

Уей, нысэ жан фыхуеймэ,

Уей, шылэ джэдыр мащӏэӏуэщ,

Уей, гъэлъэхъу тӏыщӏэр тхуэвукӏ,

Уей, фигу пымыкӏмэ дошэж.

Уей, нысэ къыдошэ.

Уей, уш зимыӏэри къотэдж,

Уей, шылэ джэдыр тфӏеух,

Уей, шы пэхужьым мэшэс,

Уей, къущхьэ уэсыр еубэ,

Уей, бжьабэ пшэрыр неубыд,

Уей, фи щхьэзадэ лӏы хъыжьэт.

Уей, зи ӏэужьыр ди нысэ,

Уей, нысэ махуэм фехъуэхъу.

Уей, нысашэ къэхъуащ.

Песня, исполняемая в доме жениха до приезда невесты.

Источник: www.oredade.ru