Хъунумэ, хъухэнумэ

Слова и музыка - Фатима Курманова

Исполнители: Фатима Курманова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Псэр зыӏуту къигъэщӏа,

Гъащӏэ гъунэ изылъа,

Ей, цӏыху цӏыкӏуу гужьея,

Адэжь лъахэр зыбгына.

Хъунумэ, хъуххэнумэ,

Алыхь закъуэр пщӏэжмэ,

Адэ-анэм къахуэкӏуэж,

Пхуэпсэухукӏи гъэтыншыж.

Анэм нэпсыр щӏелъэщӏыкӏ,

Бжэр ӏузыхым ар хуоплъэкӏ,

Адэр бампӏэу кърокӏукӏ,

Бын щӏыпсэури къыкъуэмыкӏ.

Хъунумэ, хъуххэнумэ,

Алыхь закъуэр пщӏэжмэ,

Адэ-анэм къахуэкӏуэж,

Пхуэпсэухукӏи гъэтыншыж.

Адэ-анэм зэдапӏа,

Гури псэри зыхалъхьа,

Зыщыгугъыу щӏэпсэуа,

Жьыщхьэ нэхукӏэ зыпэплъа.

Хъунумэ, хъуххэнумэ,

Алыхь закъуэр пщӏэжмэ,

Адэ-анэм къахуэкӏуэж,

Пхуэпсэухукӏи гъэтыншыж.

Цӏыхум и псэр мэужьыхыж,

Дуней хьэхур мэбзэхыж,

Фӏыуэ пщӏахэр уогъуэтыж,

Фэеплъ нэхур мыкӏуэдыж.

Хъунумэ, хъуххэнумэ,

Алыхь закъуэр пщӏэжмэ,

Адэ-анэм къахуэкӏуэж,

Пхуэпсэухукӏи гъэтыншыж.