Хьэсэнбий

Псалъэхэр зытхар - Щоджэн Ан.

Макъамэр зытхар - Балэ М.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Гъатхэ удз цӏыкӏухэр къызодэхащӏэр,

Гухэлъу ӏэфӏхэр уэркӏэ гъэнщӏащ.

Ауэ, дауэ ар пхуэсӏуэтэну,

Сэ фӏыуэ слъагъуу, си Хьэсэнбий.

Си гум щыхьэщӏэр уэ зым уи закъуэщ,

Щӏалэ къуданхэм уакъыхэсхащ.

Ауэ, дауэ ар пхуэсӏуэтэну,

Сэ фӏыуэ слъагъуу, си Хьэсэнбий.

Гум укъихьамэ, фи деж сыноплъэр,

Сыныпӏуплъэну нэр къэсӏэтам.

Ауэ, дэнэ сыщыпӏуплъэнур,

Сэ фӏыуэ слъагъуу, си Хьэсэнбий.

Источник: @zhygue

ключевые слова: ц1ык1ухэр