Илъэсыщӏэ

Слова - Марина Шорова

Музыка - Азамат Хамурзов

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Дыгъэр тепсамэ-уэсыр полыдыр, сыхэувэну лъэр схущӏэмыкӏ!

Уэс хужьым хуэдэ гъэщӏэр тхурехъуи, гъэ угъурлыуэ къытхущӏырекӏ!

Тхуэмахуэ хъуну гъэ дызытехьэр, къытхудэкӏуэну хъер, берычэт,

Хэхъуэ зэпыту ди узыншагъэм, дыздэпсэуну хъуэхъу дывгъэӏэт!

Уэс щабэр хуэму щӏылъэм къытосэ, гупсысэ ӏэфӏхэм сыхолъыхъухь,

Пэплъэу гуфӏэгъуэ гур куэдым носыр, хъуапсапӏэм хэту псэм къеущыхь.

Пэплъэу гуфӏэгъуэ гур куэдым носыр, хъуапсапӏэм хэту псэм къеущыхь.

Тхуэмахуэ хъуну гъэ дызытехьэр, къытхудэкӏуэну хъер, берычэт,

Хэхъуэ зэпыту ди узыншагъэм, дыздэпсэуну хъуэхъу дывгъэӏэт!

Гъэщӏэр къоблагъэ, гущӏэм къырипхъэу, уэс хужьым хуэдэу гугъэ нэху куэд!

И нэбжьыц тхъуахэм къапихыу сытхъур, гъэжь жыщхьэмахуэр щӏэм ӏуегъэкӏуэт!

И нэбжьыц тхъуахэм къапихыу сытхъур, гъэжь жыщхьэмахуэр щӏэм ӏуегъэкӏуэт!

Тхуэмахуэ хъуну гъэ дызытехьэр, къытхудэкӏуэну хъер, берычэт,

Хэхъуэ зэпыту ди узыншагъэм, дыздэпсэуну хъуэхъу дывгъэӏэт!

Тхуэмахуэ хъуну гъэ дызытехьэр, къытхудэкӏуэну хъер, берычэт,

Хэхъуэ зэпыту ди узыншагъэм, дыздэпсэуну хъуэхъу дывгъэӏэт!

Скачать MP3 в исполнении Азамата Хамурзова

Ключевые слова: илъэсыщ1э, илъэсыщIэ, илъэсыщlэ