Хьэцацэ и уэрэд

народная

- Уэ Хьэцацэ дахэ, щхьэ упагэ?

Куэдрэ уэ упагэми, улъхукъуэлӏкъэ?

- Сэ си лъхукъуэлӏыгъэм фримыжь,

Фи жьэм фыдехьэхри фопсэлъакъуэ.

Уэркъхэм я зырыз фыкъыслъохъу,

Бэрэ фыкъыслъыхъуми, сыфхуэмей!

- Уэ Хьэцацэ къарэ, умыпагэ!

Псэлъыхъум епэгэкӏыр бэрэ дэсщ.

- Сэ сызэрыпагэр, си ӏэщхьитӏщ.

Ӏэщхьитӏурэ спытри тхыпхъэщӏыпхъэщ.

Данэмрэ дыщэмрэ зэхызошэ,

Деихум и шы фӏэдзапӏэри хызогъасэ.

Шагъдийм уэ утесми, къыфӏумыдзэ,

Дзэшхуэм ущыпашэкъыми, укъимыхьэ.

Къихьэ-нихьэ псоми сахуэтэджкъым,

Сэ сызыхуэтэджыр лъхукъуэлӏ щауэрщ.

Цӏыхухэм я нэхъ хахуэр си псэлъыхъущ,

Сэ къыслъыхъуа псоми сахуэмей!

Сэ сызыхуей щауэр нывжесӏэнщ:

Шагъдийм и пцӏэгъуэплъыр бом къыщӏишу,

Саур уанэ фӏыцӏэр къытрипӏэу,

И шыныбэпхъищыр къыщӏикъузэу,

Зызэщӏикъузэрэ дэшэсыкӏыу,

Кърым хъаным хуэзэмэ, ирихужьэу,

Ужьэу хъыджэбз дахэхэр къыхуэусэу,

Дзэшхуэр зауэм щыкӏуэкӏэ ар шу пашэу,

Дзэшхуэм къагъэзэжмэ, ар шу кӏашэу,

Биир фоч зэхэшиекӏэ къыпэувми,

Джатэ гъэжэнакӏэ пэувыжу,

Хъуэхъу ӏуэху яублэмэ, ар пэрыту,

Сэ зызыхуэзгъафӏэри мис апхуэдэщ.

Сэ сызыхуэмей щауэри нывжесӏэнщ:

“Сыуэркъ щауэщ!” жиӏэрэ и щхьэ щытхъуу,

Хъаным и дзэр жаӏэмэ, къызэфӏэлӏэу,

Лӏым и хьэлу ефэн фӏэкӏ абы хэмылъу,

Анэжь закъуэ иӏэрэ фӏэмыӏэхуу,

Бынунэу зыхэсыр зэригъэшхыу,

Адэжь закъуэ иӏэрэ къытешхыхьу,

Гупым захуигъэгусэрэ къахэкӏыжу,

Ар алащэжь гъэшхауэ и пщэр кӏэщӏу-

Абы хуэдэ щауэм сэ сыхулӏэ!

Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"