Вэгъуэдзэм и гъыбзэ

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни 

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэ, лэур щэ(уо-уэ-уиуэ)джащэтэкъэ, емынэ жэщ гущэм пщlыхьыр долъагъури,

Ай сэрмахэ, пщlыхьурэ тлъагъури, еууей, алей-былейт.

Уэр, алей-былей гущэм а жэщым дыкъыдоушри дэ,

Ай сэрмахуэ, гурышэ бынри, еууей, тхьэм фlэгуузщ.

Уэр, Мэртэзеитl гущэр а махуэм унащхьэ пыхьэт,

Ай сэрмахуэ, къахэпыхьыкlри Хьэтхьэкlумэхэ фи Нагъуэ дахэт.

Ар уи шыгъуэ дахэ гущэри а махуэм Шорэ зэрихуэрт,

Ай сэрмахуэ, ди хугъуэ гуэнхэри, еууей, тхьэрыкъуэм ящыпыр.

Уэр, Алыджыкъуэпщ гущэр а махуэм тхьэм укъытщешэ,

А сэрмахуэ, дзэшхуэ гущэр къешэри къыдегъэувэкlыр.

Ди мэлыхъуэгу гущэхэр а махуэм джабэм щагъэжыр,

А сэрмахуэ, къуажэ мэл мин мыгъуэр а махуэм дзэшхуэм ягуэшыр.

Уэр, ди мэлыхъуэхьэ гущэхэр а махуэм и гум щокъугъыр,

А сэрмахуэ, Сэрыхыхьэ дахэри, еууей, къугъыу ныдахыр.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"