Жей, си ӏэфӏ

Музыка: Арсен Жиляев

Слова: Анатолий Мукожев

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр уафэм кӏэрыщӏащ,

Вагъуэ цӏыкӏухэр щыгъэу зэбгырыщэщащ,

Жэщыр пщӏыхь дэхащэу ӏупхъуэм къызэпхощ,

Уэри мыщӏэ цӏыкӏуу гущэм укъыхощ.

Сыт ущӏемызэгъыр, си гуфӏэгъуэ щэху,

Щабэщ уи гущапӏэр — тыншу зыгъэпсэху.

Жей, си дыщэ кӏанэ, жэщыр загъэжащ,

Сэ уи уэрэд цӏыкӏум къытезгъэзэжащ.


Жей, си ӏэфӏ, си фӏыгъуэ, жей си гурыфӏыгъуэ,

Си къудамэ цӏыкӏуу къыскъуэжа.

Жей, си нэху, си дыгъэ, жей си насып щыгъэ,

Си удзгъэгъа цӏыкӏуу къыхэжа.


Жей, си насып псыпэм псышхуэу ирижэн,

Гъэ зэрытехьэхэу лъапэкӏэ зежэн.

Жей, си фӏыгъуэ закъуэу нэхулъэфӏ къысхуекӏын,

Си гуфӏэгъуэ нэпсхэр зыхущӏэзгъэкӏын.

Гъуджэм зысщыбгъэпщкӏуу хъумэ уиплъэрей,

Сэ пхуэсщӏынкъэ тыгъэу щыӏэ псом я лей —

Мазэ тхьэгъу лъэныкъуэр къыпхуэслъыхъуэжынщ,

Вагъуэ щыгъэ цӏыкӏухэр къыпхуэсщыпыжынщ.


Жей, си ӏэфӏ, си фӏыгъуэ, жей си гурыфӏыгъуэ,

Си къудамэ цӏыкӏуу къыскъуэжа.

Жей, си нэху, си дыгъэ, жей си насып щыгъэ,

Си удзгъэгъа цӏыкӏуу къыхэжа.

Источник: www.oredade.ru