Къашыргъэ Алихъан и гъыбзэ

Автор - Бекмурза Пачев

Исполнители: Хаждал Кунижев

Категории: кабардинские песни

(из книги З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

 

ТЕКСТ:

Уэу рира, гъатхэпэ махуэт,

Уей дуней, щlы махуэ гъазэт,

Гъазэм дащlэр, уой, си щlыбырыхьти,

Пхафэм сохьэри сылъапэ нэфкъэ.

Ей, пхъэlэщэмэ дилъэфа лъагъуэр,

Уей дуней, лажьэ бжэlухкъэ,

Мы лlыжь хеймэ ефха удыныр

lэжьэгъубэмэ яфlэтелъыджэщ.

Уэ тхьэмыщкlэмэ ураелъыхъути,

Уей дуней, Адыгэунэ,

Уиадэ и унэ къыщыхъуа лlыжьыр

Сыт и лажьэу къытхуэбгъэпуд?

Уэу рира, жэмхьэт вакlуэти,

Уей дуней, къытхуэбгъэвэщхъукэ,

Ищхъэрэкlэ, уей, хьэргъэшыргъэшхуэти,

Тембулатышхуэм щlы мыгъуэр евэ.

Уэу рира, и вауэ щlалэр,

Уей дуней, ем хуегъэlущыр,

lэщэр и пхъэру, уей, унэм бгъэкlуэжри,

Жэмыхьэтитlыр дызэбгъэлъэlукъэ.

Уоу рира, дынолъэlухэурэ,

Уей дуней, Къалгъэжь къебгъэхькъэ,

Етlуанэ пыхьэр, уей, абдей щаублэ,

Елъыхъу и хабзэр гъуазэм ирожэ.

Уои рира, зи махуэ бжыгъэр,

Уей дуней, зыхуагъэlэгъуэ,

Гъэщlэгъуэнитlыр, уой, дэзыгъэлъагъуи,

Нэрылъагъу щауэм фоч трагъапщэ.

Уоу рира, си lэ сэмэгур,

Уей дуней, къызэпхырелыр,

Си шхужьыщхьитlри, уей, шэ пщтырым есыр,

Зэрагъэпщэжурэ силъыр зыгъэгъу.

Уоу рира, е мыгъэгъу быныр,

Зи уэсияткlэ тхуэзыгъэжьэжь,

Дэ ди ныбжьмэ къызэдэтхьари,

Уей, зы махуэм къызэтекъутэщ.