Мама (Балигъ укъэхъумэ къыпщохъур лей)

Исполнители: Марьяна Мудранова и Камилла Кумышева

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Балигъ укъэхъумэ къыпщохъур лей,

"Къэхъурэ анэ ущыхуэмей?"

Анэр нэм хуэдэщ. Хэт нэ хуэмейр?

Уи анэм нэхърэ хэт нэхъ псэ хейр?

Усабиихукӏэ къыбгурымыӏуэ

Анэм нэхъыфӏи зэрыщымыӏэр.

Укъыдэкӏуэтеймэ пӏэщӏогъупщыкӏ

Ар бгъэгуфӏэныуи уигум къэмыкӏ.

Припев:

Мамэ, мамэ, мамэ, уэ ухуэдэщ си нэм.

Пхуэзгъэдэни теткъым мы дуней псэум.

Мамэ, мамэ, мамэ, къысхуэгуфӏэу уи нэр

Куэдрэ, си анэ дыщэ, тхьэм утхуигъэпсэу.

Зэманыр мажэри укӏэлъымыс,

Анэм хуэдвгъэщӏ псэуми нэмыс.

Аурэ уи быныр уэри къыпкӏэлъос,

Адэ-анэныр уэри къыплъос.

Припев.

Балигъ укъэхъумэ къыпщохъур лей,

"Къахъурэ анэ ущыхуэмей?"

Анэр нэм хуэдэщ. Хэт нэ хуэмейр?

Уи анэм нэхърэ хэт нэхъ псэ хейр?

Дунейр чэзущи, пщӏэр богъуэтыж,

Уияпэ бгъэжа мывэм уэ ухуозэж.

Анэ уиӏэхукӏэ къыует гукъыдэж,

Фӏы хуомыщӏамэ ухущӏогъуэж.

Припев.