народная песня
Категории: кабардинские песни
ТЕКСТ ПЕСНИ:
1. Сызыпылъыр мытутынафэ,
Сызыпылъри чэф хъуху емыфэ,
Сызыпылъыр дахащэу къофэ,
Укъэфэнум мыпхуэдэу къафэ!
2. Сызыпылъыр къэфэну щӏидзэм,
Джэгу гъунэр зылъегъэӏэскъэ,
Мырамысэ ишхыну щӏидзэм,
Шыуаныщӏэм зылъегъэӏэскъэ!
3. Мэзым укӏуэм, хьэм ущошынэ,
Мэз джэдуми укъырахужьэ,
Ди шыдыжьыр хьэм ебгъэшхынщи,
Азэлыхь, дыбгъэунэхъуамэ!
4. Хадэ пщӏэгъуэм хьэмфӏанэр дзагуэщ,
Гуэдз щӏэгъуэм уи бгыр мэузрэ,
Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым,
Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!
5. Мэзым укӏуэрэ чы къыумышэфым,
Чы къэшари бжыху умыхуфым,
Щӏы сэтейм бжьын зэрыщызмыщӏэр
Арагъэххи уи гум къысхуеуэр!
6. Жэм шыным махуэр йогъэхьыр,
Трудодень къэхьын уи жагъуэщ,
Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым,
Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!
7. Фадафэм япэ уносыр,
Укъэсыжми сыкӏуэцӏокъухь, жи,
Уи хьэлыр зыхыумынэнум,
Сикӏыжыну сыкъызокӏуэкӏкъэ!
8. Джэдыр къакъэм, джэдэщым уокӏуэ,
Къакӏэцӏари уи ныбэм макӏуэ,
Дэ абыкӏэ псэуа дыхъункъым,
Уэлэхьи, уизгъэкӏыжынум!
9. Си мажьэр щхьэцым хокӏуадэр,
Уи бэлыхьми сикӏуэдыкӏынущ,
Уи хьэлыр зыхыумынынум,
Сикӏыжыну сыкъызокӏуэкӏкъэ!
10.Си бгырыпхым едзых и мащӏэщ,
Нэхъыжьыфӏхэм дегъэчэнджэщи
Пэрыт цӏыхухэм щӏакхъуэ къатетхыу
Колхоз хьэсэм дыздыхэгъэткъэ!
Фыз хуэмыхумрэ лӏы щхьэхынэмрэ зэпрадзыжу жаӏэу яуса гушыӏэ уэрэд. Зэщхьэгъусэ Ало Лутӏэрэ Хьэжгуащэрэ жаӏэу ятхыжащ.
Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html
ключевые слова: щ1идзэм