шуточная народная песня
1. Я фызыжьхэм хужьгъэр ягъэгъурэ
Кхъужь гъэгъуар лъапIэу щащэхумэ -
Шэджэрей жыпIэркъэ!
2. Сэмэварыр къызэдагъавэурэ,
ЛъхукъуэлIыр къыщивыкIамэ -
Абатэхьэблэ жыпIэркъэ!
3. Я щIалэхэм пыIэку кърашрэ,
Я пщащэхэр къру къишамэ -
КъуажэцIыкIур жыпIэркъэ!
4. Я фызыжьхэр джэду мыгъасэрэ
Я пщащэхэр яшэн щIэбэгмэ -
Джэбэкъуей жыпIэркъэ!
5. Я вакIуэхэр уи зырызыххэрэ,
Зырызыхэу къыдэлъэдэжмэ -
Къылышкъуажэ жыпIэркъэ!
6. Я лIыжьхэр джыришкIий ныбэрэ
Я пщащэхэр къалмыкъ шей ныбэмэ -
Бат-Таула жыпIэркъэ!
7. Я уэрамхэр зэрыхуэебз мыгъуэрэ
Я пщащэхэр шыбзыжь увыкIэмэ -
Ботэщей жыпIэркъэ!
8. Я лIыжьхэр пхъэ хьэнджырыкъурэ
Я пщащэхэм джабэр иракъуэкIмэ -
Зеикъуэ жыпIэркъэ!
9. Я щIалэхэр пащIэ бзииплърэ
Сахэплъэжмэ, си гур мэжьауэри -
Елбэргъэн жыпIэркъэ!
10. Я лIыжьхэр зэрышхрэ
Я пщащэхэм уашхын къудеймэ -
Локъуажэ жыпIэркъэ!
11. Я лIыжьхэр тхьэрыIуэ ныбэрэ
Я пщащэхэр уи фэнд гъэпщамэ -
Къэсейхьэблэ жыпIэркъэ!
12. Куэзырыр щызэблагъэжрэ
Нэщхъуэжьыр щрагъэжэхмэ -
Хьэгъундокъуей жыпIэркъэ!
13. Я щIалэхэр хьэзыр Iупэхурэ
Я пщащэхэр хуэмыху щIэращIэмэ -
Алъэсчэрей жыпIэркъэ!
14. Я хьэжьхэр уафэм щыкъугърэ
Я выжьхэм гъудэр иракъуэкIмэ -
Абыкъухьэблэ жыпIэркъэ!
15. Я щIалэхэр бдзы зэгъалъэрэ
Я пщащэхэр напэ зэлъамэ -
Дохъушыкъуей жыпIэркъэ!
16. Я щIалэхэр уи къэптал цIахуцIэрэ
Я пщащэхэр гу пцIанэ защIэмэ -
Тхьэстокъуей жыпIэркъэ!
Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ"