Фыкъеблагъэ ди гуфӏэгъуэм

Слова - Бетал Бахов

Музыка - Галина и Хазеша Кажаровы

Исполнители: Хусен Шалов

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Гуфӏэгъуэшхуэм дыхохуэ, зеужьыр ди гъащӏэм

Идогъашэ ди шыпхъухэр, къытхуашэ нысащӏэ.

Ди хьэгъуэлӏыгъуэшхуэм фыкъакӏуи фыхэтхэ.

Ди нысэр фцӏыхунхэщ, хъуэхъубжьи тӏэтынхэщ.

2.

Ди бжэр хуиту ӏухащи, хьэщӏэхэр феблагъэт.

Лъэпкъыу щыӏэм я цӏыхухэр ди къуэшхэщ ди благъэщ.

Махъсыми зыдохьэ, пшырыхьи догъавэ.

Адыги, урыси, балъкъэри дыкъофэ.

3.

Феуэт ӏэгум ныбжьэгъухэр, хьэщӏэхэр вгъэджэгут.

Мэбзэрабзэ ди пшынэр, хуитышхуэщ ди унэр.

Жьакӏэхухэм ди жьантӏэм хъуэхъуфӏхэр щаӏуатэ,

Фадэбжьэр яӏэту гуфӏэгъуэр щӏаӏэтэ.

4.

Къытехьащи ди щауэр, нысащӏэр и гъусэу.

Щӏалэгъуалэр тэджащи ӏэгуауэр мэлъалъэ.

Догуфӏэ, догъахъэ, ди бынхэм къахохъуэ.

Ди нысэр, ди щауэр, быныфӏэ ирехъухэ.

Источник: http://lithasa.ru/