Мэлыхъуэм и уэрэд

Псалъэхэр зытхар Щоджэнцӏыкӏу Н.

Исполнители: Хаждал Кунижев

Категории: кабардинские песни

Другие версии: Мэлыхъуэ уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Къуэкӏыпӏэ пшэплъыр зи нэгу щӏыкӏафӏэу

Насыпкӏэ гуашэ.

Щӏакӏуэр зи унэуэ мэлыхъуэ цӏыкӏумэ

Гухэлъ къысхуэщӏи.

Махуэм, жэщ кӏыфӏхэм си закъуэ дыдэу

Ӏэщхэм сахэткъэ.

Фатӏимэ сигу уихьэм, си дахэ цӏыкӏумэ

Сыныпхуоусэр.

Бжьамий шыхьахэр зи бжьакъуэ – дамэ,

Нэпкъым зивгуашэ.

Удз зэмыфэгъуурэ мэ ӏэфӏ зи бащэхэр

Лыурэ зытефлъхьэ.

Уей, си ӏэхъушэр фехъурэхъуэкӏи

Псынэм фыкъефэ.

Фи щӏэжьей шырхэми бухъар ятелъхэри

Бзэгукӏэ вгъэдахэ.

Хыв шатэ щӏыкӏэу кӏапэр зещатэу

Бжьыхьэ фытехьэ.

Хъерхэр зи бащэурэ, зи дагъэр маехэ,

Щэурэ фыбагъуэ.

Уей, парий кӏагуэ, гъунэр къещэкӏи

Щхъуэжьхэр тхуэгъащтэ.

Ди ежьэжыгъуэми къэсащ и пӏалъэри,

Сакъыу хъумакӏуэ.

Мэлыхъуэхьэжьхэр къэрэгъул щащӏэу

Мэл гъунэм щыткъэ.

Мэлапэм ситуэрэ си къэшэн дахэмэ

Сыныпхуокӏуэжыр.