ТЕКСТ ПЕСНИ:
Сощӏэр гъатхэр къыщӏэгъагъэр,
Зыхуэушэр псыр,
Ӏумыплъамэ уи дахагъэм,
Щӏэукъубийри хыр,
Сощӏэр гупсысэр зыгъэусэр,
Цӏыхум щӏиӏэр бзэ,
Лъагъуныгъэ укъэзысыр
Щӏехуэбылӏэр псэм.
Припев.
А уи нитӏым сыщӏэплъати,
А уи нитӏым сыщӏэплъати,
А уи нитӏым сыщӏэплъати,
Псори къызжаӏащ.
Сощӏэр шы лъакъуэхэр щӏалэм
Зыхуигъэлъэхъуар.
Дызэплъыжу хьэблэ щауэр
Дыкъэзыгъэнар.
Ар къосыжри шу щхьэ закъуэу,
Хэплъэу, къопсыхыж.
Пщӏэну зыщӏэр уэ зызакъуэрщ.
Сигури мэпсэхуж.
Припев.
Сощӏэр гупсэр зыгъэубзэр,
Псэм щӏиӏэжри бзэ:
Гухэлъ къабзэм игъэусэу
Къызэрыхъури зэщ.
Сощӏэр,
Гъатхэ жэщ мазэгъуэу
Уэ укъызблэкӏынщ,
Лъагъуныгъэми и бзэгъуэ
Сэ къыхуэзгъуэтынщ.
Припев.
Источник: @zhygue
ключевые слова: нит1ым сыщ1эплъати