Си адэ

ТЕКСТ:

Си адэ, сыпхуэзэхукӏэ уэ ущэхущ,

Ауэ уэ уигур къызопсалъэ гуапэу.

Уэ уипсэм си дунейр къысхуегъэнэху,

Дэнэ сыкӏуами сщӏыгъущ шы гъусэ лъакъуэу.

Сэ сищхьэм уи ӏэ пхъашэр къыдэплъамэ

Къысфӏощӏ нэхъ щабэ ӏэ дунейм щымыӏэу,

Уи нэгур гуфӏэу зэ укъысӏуплъамэ

Зызолъытэж насып мыухыр сиӏэу.

Припев:

Си адэу фӏыуэ слъагъуу си гур зей,

Сыхуейщ сэ куэдрэ укъысщхьэщытыну.

Нызохь си лъэӏур ди тхьэу Тхьэшхуэм дей

Зыгуэркӏэ сэ уи жагъуэ сымыщӏыну.

Си адэ, зэпымыууэ укъыттетщ

Си сабиигъуэм и псынащхьэ къабзэу.

Къару мыкӏуэщӏыр сэ абы къызет,

Мы дуней гъащӏэм щызесхьэ хабзэр.

Бын лъагъуныгъэр щызэхэзмыщӏа

Сэ къэзгъэщӏам зы махуэ закъуэ сщӏэжкъым.

Уэращ си лъагъуэр кууэ хэзышар,

Ар сокӏу си гъуазэу уи псалъэ пэжхэр.

Припев.

Источник: www.oredade.ru