Тхьэм фигъэпсэу ди анэхэр
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Нобэ ди гуфӏэгъуэшхуэщ,
Псоми сынывохъуэхъу,
Илъэсыщӏэм и хъуэхъухэр
Гъащӏэ лъагъуэ ирехъу.
Припев:
Тхьэм фигъэпсэу ди анэхэр!
Тхьэм фигъэпсэу ди адэхэр!
Ди бынхэм насыпыр яӏэу,
Адыгэр тхьэм дигъэпсэу!
Нэхъыжьыфӏхэр фыдиӏэу,
Тхуэвгъэгушхуэ ди хэку,
Акъылыфӏэу фи хъуэхъухэр,
Гъащӏэм лъабжьэ ирехъу.
Припев.
Дуней дахэр мамыру,
Лъэпкъыр зы дырехъуж,
Ирекӏуэд залымыгъэр,
Дэ ди лъэпкъыр псэуху.
Припев.
Источник: книга
Слушать бесплатно в исполнении Черима Нахушева
ключевые слова: гуф1эгъуэшхуэщ