народная песня
ТЕКСТ ПЕСНИ:
1. Сэнджэлейуэрэ (тӏэ) дзэшхуэр зезышэмэ
Ежьу: А!
(уареда) зэкӏэщӏопыджэри
Ежьу: Уо!
(уэ) нагъэшри (рэуэ-ией, уо).
Ежьу: Уойра, уанау-рирэ, уоу-рирарэ!
2. Къалмыкъыщхьэхэр зи сотэ (уа) рэшкъэ (тӏэ),
(ареда) Мейкъуапэ бжьэпэкӏэрэ
(уэ) дебгъэшкъэ (рэуэ-ией, уой).
3. Къэрабгъэхэр къыздагъэ(уа)зджызджэрэ,
(ареда) къахэзджызджыкӏыр (жи)
шыд и бынгуэрэ (рэ) махуэмэ налъытэ.
4. (А) пщӏэгъуалэр куэпкъкӏэ зэрешэри,
(ареда) шэ фие макъмэ
(уэр) доджэгухэри (рэуэ-ией).
5. Сэнджэлеймэ фи фоч фӏыцӏэжьхэр (жи)
(ареда) хьэлэбэлыкъмэ
хуагъэпсри (рэуэ-ией).
6. (Ар) Щоджэнхэ фи фоч гъэпсат (жи)
(ареда) бдзапцӏэшэ жагъуэт (иджы)
(уэр) зэпехри (рэуэ-ией).
7. (Ар) зи блыгумэ шэр къыхахар (жи)
(ареда) Едгъулмэ и къуэкӏэрэ
(уэ) Мударкъэ (рэуэ-ией)!
Источник: Одноклассники.ru - Группа "Хэкурэ - Хабзэрэ".
Послушать в исполнении Владимира Барагунова
Ключевые слова: сэнджэли