Си гъащӏэ гъуэгу

Исполнители: Мухамед Нартоков

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пщыхьэщхьэпэм псы ежэхым и

Жъгъыру макъ дахащэм

Сэ къысщохъу макъамэ дахэуэ,

Пщащэу сфӏэщӏ ӏущащэм.

Дыгъэр хуэму йотӏысэхри

Бгым доджэразэжыр,

Сфӏощӏ щӏалэгъуэм, къигъэзэжу.

Припев:

Ой си гъащӏэ гъуэгури, уэ укъашэ-нашэщ,

Зэм гуфӏэгъуэм сошэри, зэм согъэгумащӏэ.

Гъащӏэм купщӏэ иӏэурэ, сэ сигугъэщ,

Псом нэхъ лъапӏэу лъагъуныгъэр.

Сыдэплъеймэ жэщ вагъуэбэхэм

Срагъэгупсысыр,

Ещхьщ ди гъащӏэр, пшахъуэ хьэдзэхэм,

Хэпхъау тенджызыпсым.

Мы дунейми дыщӏытетми и жэуап сылъыхъуэу,

Нэху согъэщыр, сэ ди псыхъуэм.

Припев.

Пщэдджыжьыпэм дыгъэ бзийхэкмӏэ

Зелъэщӏыж дунейми,

Къуалэбзум уэрэд къришхэмкӏэ ,

Гур егъэпӏейтери,

Дунейр шэрхъыу мэкӏэрахъуэри, махуэм жэщ ехъуэжыр,

Ещхьу гъащӏэми зехъуэжыр.

Источник: oredade.ru