Уэрэд нэщхъей
ТЕКСТ ПЕСНИ:
Закъуэныгъэ узым сесэжауэ
Нобэ гукъэкӏыжхэм соубзэж.
Иулъагъу, жызоӏэ, узижагъуэм
Хъуауэ гугъэр псэм дэмыхуабэж.
Бжьыхьэ тхьэмпэм дыщэ лъагъуэ схуащӏми
Ӏэфӏ къыщӏалъхьэжыфкъым си дунейм —
Е къысхуэнэжа зэманыр мащӏэщ,
Е къызэзнэкӏам и ныкъуэр ейщ.
Сабиигъуэ ӏэфӏу си нэ топыр
Пкӏатэ лъатэу нэгу къыщӏоувэж,
А зы закъуэм сыщыгугъти нобэ
Чышыр ирегъэлъри щӏоцӏывэж.
Си гурыгъухэр мэхъу ӏэубыдыпӏэншэ,
Зэпаубыду си псэр ирагъэш.
Мо щыхупӏэ слъагъум щхьэщыхьэнщи
Кӏуэдыкӏей жыхуаӏэр арагъэнщ.
Источник: oredade.ru
Слушать бесплатно в исполнении Заура Тутова
ключевые слова: гукъэк1ыжхэм