ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ди пшынэ ӏэпэхэм къапсэлъыр зэрызми,
Зэхуосри къафэ тенджыз.
Щӏыгушхуэр ди ӏэгум,
Ди лъэгум догызыр,
Пшынауэр, хыр зи нэмыс.
Мазэр уэздыгъэщи щоблэр ди щӏыгу,
Лъэпкъыбэр зы быну дызэдоджэгу.
Махуэшхуэр ди къуажэм уардэу щофэкӏу
Гупсысэу диӏэр - гуфӏэгъуэщ.
Май махуэм ехуапэр щӏылъэри щхъуантӏэкӏэ,
Гъэгъахэр гум и бжьамийщ.
Бэракъыр мэхуарзэр,
Допсалъэр усэкӏэ,
Догуфӏэр, гурыгъу ди бийщ.
Мазэр уэздыгъэщи щоблэр ди щӏыгу,
Лъэпкъыбэр зы быну дызэдоджэгу.
Махуэшхуэр ди къуажэм уардэу щофэкӏу
Гупсысэу диӏэр - гуфӏэгъуэщ.
Лъэпхъуамбэм шэсауэ, мес дадэр къыдокӏыр,
Утыкум бгъащхьэу йофэкӏ.
Укӏытэр къэгъани,
Ди нани къыдэкӏыт,
Махуэшхуэр уи ныбжь имыкӏ.
Мазэр уэздыгъэщи щоблэр ди щӏыгу,
Лъэпкъыбэр зы быну дызэдоджэгу.
Махуэшхуэр ди къуажэм уардэу щофэкӏу
Гупсысэу диӏэр - гуфӏэгъуэщ.
Источник: @zhygue
ключевые слова: 1эпэхэм