Къру закъуэ

Исполнители: Тамара Нехай

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кърухэр лъэтэжыну щӏыпӏэ жыжьэм

Уэгум лъагэу заӏэтауэ итщ,

Ауэ мылъэтэфу зы къэнауэ,

Дамэхэр гуэлэлу, гуӏэу щытщ.

Припев:

Согузавэр къру закъуэм щхьэкӏэ,

Си губгъэн изох дуней ерум.

Закъуэныгъэр гугъущи мы ди гъащӏэм,

Сэ солъаӏуэ — къет абы къару.

Зызоплъыхьри щымщ ихъуреягъкӏэ,

Къру гупыр пшэм хэкӏуэдэжащ.

Ныбжьэгъу пэжу ар зыщыгугъахэм

Гузэвэгъуэм хэту къагъэнащ.

Припев.

Кърухэр лъэтэжыну щӏыпӏэ жыжьэм

Уэгум лъагэу заӏэтауэ итщ,

Ауэ мылъэтэфу зы къэнауэ,

Дамэхэр гуэлэлу, гуӏэу щытщ.

Припев.

Источник: oredade.ru