Лъагъуныгъэм делэ уещӏ

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Сэ сыхъыджэбз щӏалэ мыгъуэти,

Уэ ущӏалэ делэти,

Уэ къызжепӏа псалъэ мыгъуэмэ

Лъагъуныгъэ сигъэщӏай!

2. Уи фурашкӏэ цӏыкӏу мыгъуэри

Натӏэм тыбогъэсырэ,

Стӏолым дыбгъэдэс мыгъуэурэ

Лъагъуныгъэ тщӏа мыгъуи!

3. Светыр къызэщӏэнэ мыгъуэмэ,

Унэр къегъэнэхурэ,

Зымыгъэунэхуа мыгъуэмэ

Гурыгъэӏуэгъуей мыгъуи!

4. Лъагъуныгъэр сыт? - жеӏэри

Зымыщӏэр щӏоупщӏэрэ,

Сэ фыкъызэупщӏ мыгъуэмэ,

Зытетыр вжесӏэн мыгъуи!

5. Пшынауэ хъыджэбз мыгъуэмэ

Пшынэпсыр зыфӏедзэрэ,

Сигумэ укъыридзэ мыгъуэмэ,

Си фэм зэредзэкӏри.

6. Тракторыр къыщӏэна мыгъуэмэ,

Моторыр зэщӏоплъэрэ.

Си гур къызэщӏэплъэ мыгъуэмэ,

«Зыукӏыж» къызжеӏэр.

Уэрэдыр Дал Фатӏимэт жиӏэу, Испыр Рае ежьууэ магнитофонкӏэ ттхыжауэ щытащ. Абыхэм илъэс 17 я ныбжьхэт, Куба щыпсэухэрт.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: уещ1