Кулэрэ Мылэрэ я уэрэд

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни 

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Кулэмрэ уо-уэу иуэ, уо-уо, Мылэмрэ

Ежьу: Уо!

Фызэшыпхъути, уэр, си Кулэ!

Ежьу: Уо!

Уэ фызэшыпхъуитl щхьэкlэрэ,

Ежьу: Уо!

А махуэм фызэижэгъути, Кулэ дахэ!

Ежьу: Уо, уо!

Кулэм уи лэгъунэр пхъэбгъущхьэт, си Кулэ,

Къэдабэ щхьэнтэм а махуэм лъапэкlэ утетт, Кулэ дахэ!

Щlыуэрэ узытетыр уогъэгыз, си Кулэ,

Кулэм уи жьгъырухэр а махуэм лlы къашэт, Кулэ дахэ!

Кулэм зыкъэбгъазэм умазэгъуэт, си Кулэ,

Кулэм зыбгъэзэжым а махуэм умазэхэт, Кулэ дахэ!

Зекlуэлlымрэ зекlуэшымрэ езэшмэ, си Кулэ,

Кулэ уи уэрэд дахэм а махуэм къешэж, Кулэ дахэ!

Зекlуэ пщlэгъуалэжьхэр зыщагъэпсыр Кулэ и дежщ,

Зекlуэ къикlыж шухэр а махуэм зыщепсыхыр Кулэ и дежщ.

Арыкъыжьым и бажэм хуэдэу ужьэгъухут, си Кулэ,

Къумыхужьым и бжьом хуэдэу укlуэкlафlэт, Кулэ дахэ!

Шэ тхъурымбэм и щlыгъэм хуэдэу ущабэт, си Кулэ,

Пщы Адэлджэрийр а махуэм нэгийт, Кулэ дахэ!

Мысырыжьым и екlэпцlэр пхъафэ фlыцlэт, си Кулэ,

Пщыжь фlыцlэ ябгэр а махуэм тхьэщишэт, Кулэ дахэ!

Сэ сигъэшэншауэ саlуатэ, си Кулэ,

Сэ сызэраlуатэм сытемыткlэ, си тобэщ, Кулэ дахэ!

Кулэрэ Мылэрэ Батырдэгухэ япхъуу зэшыпхъуитlт. Кулэр дахэт икlи lэщlагъэшхуэ иlэу зэкlэлъыкlуэт. Мылэ апхуэдэу дахэтэкъым, lэщlагъи иlэтэкъым. Хьэтlохъущокъуэхэ ящыщ Адэлджэрий, адыгэхэм цlэ лейуэ "пщы фlыцlэ" зыфlащауэ щытар, Кулэм къыпылът, къепсэлъылlэрти, Мылэм игъэlуащ - Кулэр Адэлджэрийм и щlасэу. Уэрэдыр Кулэ и телъхьэхэм яусащ.

Источник: книга З. Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр"

Ключевые слова: фызэшыпхъуит1