Кадетхэм Къалмыкъым хуауса уэрэд
ТЕКСТ ПЕСНИ:
1. Е уэредэ, Къатхъэнхэ я унэри-тӏэ,
Ай, ай, топкӏэрэ накъутэ,
Кӏэрэфхэ фи дыщэ ӏэлъынри, рэ-мей,
Къалмыкъыжьым евгъэкъутаи.
2. Е уэредэ, Къатхъэн Назирри, уей,
Ай, ай, властым щӏобэг,
Кӏэдетыжьурэ зигу бэгаижь къомыми-тӏэ,
Хьэжмэт и фэууэ иракъухьаи!
3. Е уэредэ, Къатхъэнхэ шыгъуабжэри-тӏэ, ай,
Ей дуней, нахъутэм къыдоджэгу,
Большевикым дэ дадэджэгунути, ай, ай,
Ей дуней, зы дымыгъуэтыж!
4. Е уэредэ, Серебряковыми, ай.
Ай, ай, дыкъызэхуегъэс,
Тхьэм емыплъу зэхуэса къомхэми-тӏэ,
Дуней, Къэбэрдейр дагъэунэхъуащ!
5. Е уэредэ, мыр Къатхъэн Назирыми-тӏэ,
Ай-ай, мыр босяк зэрешэ,
И ныбжькӏэ отряд зезышэри, уей дуней,
Ай дуней, Серебряковщ.
6. Е уэредэ, мелуан топыжь гущэри-тӏэ,
Уей дуней, Ӏуащхьэмахуэ щыхотӏэ,
Къэбэрдейм хьэхэурэ щӏэфтӏахэри, дуней,
Штыккӏэрэ дэ къыщӏэтхыжаи!
7. Е уэредэ, Къалмыкъ Бетӏалми-тӏэ,
Ай дуней, алътымыр и пащӏэщ,
Мыдэкӏэрэ пащӏэр зыгъэкӏри, рэ-дуней,
Ай дуней, Серебряковырщ.
8. Е уэредэ, Тэучэш Ӏэбуми-тӏэ,
Ай-ай, фызищ зэрешэ,
Мыдэкӏэ Мэздэгу къитшами, дуней,
Хэку мыгъуэми дэ дришыжаи!
Источник: https://youtu.be/SpIW_imiZWc
Слушать бесплатно в исполнении группы "Хагаудж"
ключевые слова: топк1эрэ