Уи ныбжьэгъухэр зохьэзохуэр

народная песня

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1. Уи ныбжьэгъухэр зохьэзохуэр,

Ущхьэхыну ухуэмыхущ, жи,

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

2. Лэжьакӏуэбэр жьырытэджщи,

Умытэджурэ жэщ уогъэхъури,

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

3. Жылэ щӏалэ къакӏэрыхур

Жэщи махуи учэфыжьщ, жи,

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

4. Колхоз щӏалэхэри йоджэ,

Уэ еджахэми уащымыщи,

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

5. Уэ уи вакъэм мэкъу къилэлым

Хьэблэ жэмыр уи ужь итщи,

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

6. Колхозхэтхэм ауан ящӏу

Уэ лэжьэкӏэ зымыщӏэжым

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

7. Ӏэщым, гъавэм емылэжьым

Лажьэ ӏуэхум ныхэмытым

Хэт уэ псэгъуу ныбдэкӏуэнур, уой!

8. Хэт уэ псэгъуу ныбдэкӏуэнур,

Хэт и пщащэ къыбдэкӏуэнур?

Сыпхуэмейкӏэ сэ си Тобэщ, уой!

Щӏалэ хуэмыхур ауан зыщӏ уэрэд.

Источник: https://zdamsam.ru/b45257.html

ключевые слова: сыпхуэмейк1э