Си гум и щэху

Слова - Нелли Лукожева

Музыка - Азамат Хамурзов

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си гум и щэху, си гурыфӏыгъуэ! Укъызитащ дуней гуфӏэгъуэу!

Къыптеплъэм жысӏэу уэ нэфыгъуэ, сэ къызокӏухь псэтепхъуэ сӏыгъыу

Уащхъуэ архъуанэм сыхэзыхьэ, уи нитӏым жаӏэм сэ содаӏуэ

Ди щэхур ещӏэри пшэкӏэхум зыдблырегъэхыр укӏытауэ

Ди щэхур ещӏэри пшэкӏэхум зыдблырегъэх дгъэукӏытауэ

Сӏых си гурыщӏэр лъэгъугъуафӏэ, дуней насыпыр ди ӏэпэгъуу

Дызэӏурытӏкӏапщӏэу дыкъэгъафэ, тхьэрыкъуэм хуэдэу дызэщӏыгъуу

Си гум и щэху,си гурыфӏыгъуэ! Укъызитащ дуней гуфӏэгъуэу!