Школыр къэдухащ

Слова - Зоя Афашагова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Школыр нобэ къэдухауэ,

Гъащӏэм и бжэр зэӏудох.

Ди псэм щыщи къыщӏэнауэ,

Пщэдейм фӏэхъус дэ идох.

Дэ гъуэгу пэж дытеувамэ,

Ар фи фӏыщӏэу къэтлъытэнщ.

Къытхуэвгъэгъу, гугъу федгъэхьамэ,

Ди гум ӏэфӏу ар къинэнщ.

Фэ фи щхьэцыр уэсу тхъуами,

Насып щхьэцу ар щытынщ.

Нэмысщӏэкъуу дывгъэсащи,

Ар ди гъуазэу дыпсэунщ.

Дэнэ щӏыпӏэ дымыкӏуами,

Дэ фи щӏыхьыр тхъумэфынщ.

Псалъэ пэжу къыджефӏари,

Ди гум зэи имыкӏынщ.

Источник: @zhygue

ключевые слова: гъащ1эм