Май жыг хадэу…

Уэрэдыр зытхар - Уэдыжь Хъ.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Май жыг хадэу дэ дыкъыздэгъагъэу

Илъэс куэдхэр етхьэкӏат.

Жэщ мазэщӏэм дыгъэу схуэблэу,

Сэ щӏалэщӏэм сегуэкӏуат.

Латӏиф хуэдэу фӏыуэ сымылъагъуми,

Нэгъуэщӏ щӏали сепсэлъащ.

А щӏалэщӏэм гуауэ щыхъуми,

Гухэлъ щӏыӏэкӏэ зихъуэжащ.

«Уэращ фӏыуэ слъагъур», - сэ щыбжесӏэм

Махуэ пшагъуэу укъызокӏуэкӏ.

«Лъагъуныгъэр пхузиӏэжкъым»,-

Уэ къызжоӏэри уокӏуэтыж.

Шэджэм щӏалэр, сэ ар сфӏэщӏэщыгъуэщ,

Лъагъуныгъэр нэху схуещӏ.

Сэ фи къуажэм сыщыдэкӏкӏэ,

Сигу укъонэри, плъапӏэ пхуещӏ.

Лъагъуныгъэр фэеплъ мыкӏуэдыжми,

«Зэхъукӏыж» - жаӏэу – сигу къинащ.

Шэджэмыпсыр си фэеплъщи,

Уигу сыкъэкӏ хъумэ, ухэплъэнщ.

Источник: @zhygue

Скачать бесплатно MP3

ключевые слова: куэдк1э