Къофэ адыгэ лъэпкъыр

Псалъэхэр зытхар - Гъубж М.

Макъамэр зытхар - Тхьэбысым У.

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Пшэр зэрызехьэу уэгум ихьамэ,

Дыгъэр къэувыӏэу къызэплъэкӏамэ,

Къуршхэм уэс пыӏэр зыщхьэрахамэ,

Хыри къимыууэ зиущэхуамэ,

Припев:

Къофэ, къофэ, къофэ, адыгэ лъэпкъыр.

Къофэ, мэгуфӏэр нобэ, си къэбэрдейхэр.

Ей, си дуней, уой, си Къэбэрдей.

Ей, си дуней, уой, си Адыгей.

Къафэ, гуфӏэ, ӏэгум феуэ, нобэ си Къэбэрдей.

Дыгъэр, мазэр, уэ къыбдофэ, нобэ си Адыгей.

Щӏылъэр, уафэр, уэ къохъуапсэр, нобэ си Къэбэрдей.

Вагъуэхэр пщӏыпщӏу уэгум ипхъамэ,

Дыгъэм и бзийхэр зыкӏэщӏихамэ,

Хъыринэ ещӏэу щӏылъэм щӏидзамэ,

Цӏыхухэм щхьэгъубжэр псынщӏэу ӏуадзамэ,

Припев.

Мылылъэ губгъуэр псыуэ жэбзамэ,

Алэрыбгъу щхъуантӏэр щӏым къиубгъуамэ,

Бзухэр бзэрабзэу жыгыщхьэм исмэ,

Мазэм и бзийкӏэ сэлам къыдихмэ,

Припев.

Борэным щӏылъэм зыщиубгъуамэ,

Щӏымахуэ шылэм зиудыгъуамэ,

Ӏэгуауэ макъыр уафэм гъуэгъуамэ,

«Афэрым» жиӏэу дадэ тэджамэ,

Припев.