Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Музыка - Ауес Зеушев

Слова - Нина Богатырева

Исполнители: Ауес Зеушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уардэу Мэртэзей щихухэр

Къыщокӏыр Джылахъстэнейм,

Гъащӏэм уи гугъэ нэхухэр

Тэрчыпсым къехьыр ди куейм.

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Уи гъусэщ уэ Къэбэрдейр!

Фӏыгъуэр пхуэбагъуэ щэней,

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Тхыдэм къыхощ уриплъэм,

Къэбэрдей цӏыкӏуу уи щӏыгу,

Щӏэблэр щобагъуэ уи щӏым,

Щолъалъэр адыгэ джэгу.

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Уи гъусэщ уэ Къэбэрдейр!

Фӏыгъуэр пхуэбагъуэ щэней,

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Хабзэу щокӏуэкӏ тэрчыщӏым

Нэхъыжь и псалъэр – налмэсщ,

Псоми ящхьэр игъащӏэм,

Цӏыхугъэр, уэ уи джэлэсщ.

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Уи гъусэщ уэ Къэбэрдейр!

Фӏыгъуэр пхуэбагъуэ щэней,

Ефӏакӏуэ, Джылахъстэней!

Источник: @zhygue

ключевые слова: еф1ак1уэ