Ди щауэм къишауэ

Исполнители: Резуан Маремуков, Темиркан Кожаев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ди щауэм къишауэ, ди гуфӏэгъуэр шэщӏауэ

Ӏэгур ину мэлъалъэ, уой.

Нэчыхьытхыр къэсауэ, нэхъыжьыфӏхэр тэджауэ

Нэсыпитӏыр зэпащӏэ, уой.

Фӏэтыт лъагэу махъсымэр, ди нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,

Щӏалэгъуалэр фыдаӏуэт, уой.

Псэр щӏэгуфӏэр апхуэдэщ, ди гуфӏэгъуэр зэхуэдэщ,

Фыкъеблагъэ ди джэгум, уой.

Дыгъэр уэгум икӏауэ, щӏалэгъуалэр къежьауэ

Нысэр унэ ирашэ, уой.

Лъапэ махуэ къихьауэ, лъабжьэ быдэ щищӏауэ

Тхуэмахуэну дохъуахъуэр, уой.

Фӏэтыт лъагэу махъсымэр, ди нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,

Щӏалэгъуалэр фыдаӏуэт, уой.

Псэр щӏэгуфӏэр апхуэдэщ, ди гуфӏэгъуэр зэхуэдэщ,

Фыкъеблагъэ ди джэгум, уой.

Фӏэтыт лъагэу махъсымэр, ди нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,

Щӏалэгъуалэр фыдаӏуэт, уой.

Псэр щӏэгуфӏэр апхуэдэщ, ди гуфӏэгъуэр зэхуэдэщ,

Фыкъеблагъэ ди джэгум, уой.

Лъэпкъи жыли доджэгур, зэӏухащи ди жьэгур

Зевгъэӏэтыт пшынэбзэм, уой.

Къыдашауэ гуащэшхуэр, йоуэр ӏэгум жылэшхуэр,

Тхьэм къыпищэ махуэшхуэм, уой.

Фӏэтыт лъагэу махъсымэр, ди нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,

Щӏалэгъуалэр фыдаӏуэт, уой.

Псэр щӏэгуфӏэр апхуэдэщ, ди гуфӏэгъуэр зэхуэдэщ,

Фыкъеблагъэ ди джэгум, уой.

Фӏэтыт лъагэу махъсымэр, ди нэхъыжьхэр мэхъуахъуэ,

Щӏалэгъуалэр фыдаӏуэт, уой.

Псэр щӏэгуфӏэр апхуэдэщ, ди гуфӏэгъуэр зэхуэдэщ,

Фыкъеблагъэ ди джэгум, уой.

Источник: oredade.ru