Ущымыт уукӏытэу

Псалъэхэр зытхар Дохъушокъуэ Ку.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ущымыт уукӏытэу сыщыплъагъукӏэ,

Уигу гупсысэ ӏэфӏхэр къысхуэгъэкӏ.

Сэри псэкӏэ ӏэфӏу ущыслъагъукӏэ,

Сфӏощӏ зы гъащӏэ тӏуми зэдетхьэкӏ.

Ущымыт уукӏытэу, сынолъэӏур,

Къыпщӏэхъуэпс мы си гур хомыгъэщӏ.

Уигу пэщыхукӏэ къиплъэ уэ си нэгум,

Узмылъагъумэ, сэркӏэ дунейр нэщӏщ.

Къысхуомыщӏ уэ лъагъуныгъэ гугъуи,

Къызжомыӏэ «фӏыщэу узолъагъу».

Сыгуфӏэжу сызыщӏэт уи нагъуэм,

Сщещӏыр лъагъуныгъэр нарылъагъу.

Мис аращи сынолъэӏу итӏани,

Дяку щыдэлъкӏэ лъагъуныгъэ пэж.

Губгъуэ нэщӏым жэщыр дэ къидгъани,

Дызэщӏыгъуу ди деж дыгъэкӏуэж.

Источник: @zhygue

ключевые слова: уук1ытэу