Шэӏидэт и гъыбзэ

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уафэ нэзхэмэ пшэплъу къытехьэм, уэу, си Алий,

Уи хъыбарыр си лъэӏут къахьыну.

Къару лъэщу жьыбгъэм зэрихьэм, уэу, си Алий,

Уей, сеубзэрти укъашэжыну.

Дыгъэ гуащӏэмэ нуру къиӏэтым, уэу, си Алий,

Сеубзэрабзэти гъуэгу нэху къыуитыну.

Мазэ-вагъуэу щӏылъэр зыхъумэм, уэу, си Алий,

Щхьэщэ хуэсщӏырти усхуахъумэну.

Бынхэр хуэсшэурэ сызыхуэгъ сыным, уэу, си Алий,

Ар хьэдэншэ-къупщхьэншэ кхъащхьэми,

Къанжал бгыщхьэмрэ тхыгъэ-усыгъэмрэ, уэу, си Алий,

Бампӏэдэхыурэ фэеплъ нэхъыщхьэти.

Уи усыгъэурэ шыкӏэпшынэбзэр, уэу, си Алий,

Хъуащ уахътыншэ, пшынэ макъ бзафӏэти

Хэку и щӏэблэм уи бзэкъу япхъуатэурэ, уэу, си Алий,

Уи усыгъэр ягъэӏу фӏэрафӏэурэ.

Источник: http://oredade.ru/sheexxideet-i-ghybzee-qsshu-svetxanee-jyu/.

Слушать бесплатно в исполнении Светланы Кушховой

ключевые слова: Шэ1идэт и гъыбзэ, ШэIидэт и гъыбзэ, Шэlидэт и гъыбзэ