Гушыӏэ уэрэд

ТЕКСТ:

Гъатхапэ дахэурэ гугъэ пхуэсщӏат,

Сыкъэбгъэгугъи хуэдэу сфӏэщӏат.

Дызэрыщӏат, дызэпсэлъат,

Дызэхуэзэнуи псалъэ зэттат.

Нэхъыфӏу щыӏэр зыхуэзгъэфащэ,

Къысхуэгъэфащи дыкъыздэгъафэ.

Хьэщыкъ сыпщӏащ, сыногуэкӏуащ,

Сщӏэнур сымыщӏэурэ сыкъэбгъэнащ.

Сэ уи ӏэщӏагъи сыщӏэмыупщӏэ,

Лэжьапӏэ ӏуэхуи ухуэзмыгъей,

Данэху данапӏэм ухэзгъэсынкъэ

Си дахэр гъусэ къысхуэхъу къуэдей.

Гурыщӏэ ӏэфӏкӏэрэ дыкъыздэуджу

Зэгъусэу къафэр етшэщэгъат,

Уи нэр нэгъуэщӏым ныщытеплъызэм

Гурыщхъуэ сщӏыхэри нэгум щӏэкӏащ.

Си лъагъуныгъэм и фащэ дахэр

Сыпхуехъуэпсаурэ ныпщыстӏэгъат,

Пщӏыхьым сыхэтурэ зыкъыщысщӏэжым

Си жэщым махуэр хэзгъэгъуэщат.

Мы синэр-сипсэр дэпхьэхыфами

Гум зыкъещӏэжри гъащӏэм хуопэж,

Гъатхэм дэщӏыгъуурэ сыкъогъэгъэжри,

Схуэфэщэн гъусэ и лъыхъуэ сожьэж.

Источник: www.oredade.ru

Ключевые слова: гушыiэ уэрэд, гушыlэ уэрэд, гушы1э уэрэд