Си нэхум сыкъыдофэ

Слова - Фоусат Балкарова

Музыка - Умар Тхабисимов

Исполнители: Черим Нахушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Си дахэу, пщащэ гуакӏуэр,

Си нэхуу, си псэ закъуэр, -

Къэсшащи фӏыуэ слъагъур,

Тхуаӏэтыр хьэгъуэлӏыгъуэр.

Уей, фыджэгу, уитӏ, жи, ӏэгу!

Нэхъыжьхэр щефэкӏэ,

Нэхъыщӏэхэр къофэхэр, уей.

Ныбжьэгъухэр ӏэгум феуэт,

Диӏэжкъым дэ гукъеуэ.

Къыздэфэт уэ, си гуащэ, -

Иджыри уэ упщащэщ.

Уей, доджэгу, уитӏ, жи, ӏэгу!

Гухэлъыр гуащӏэмэ,

Утыкур мащӏэкъэ, уей.

Си нэхум сыкъыдофэ,

Нысащӏэу къызогъафэ.

Ныжэбэ яужь дыдэу

Къэфэж, си дахэ, быдэу.

Уей, дуней, сэрщ узей.

Уи нитӏ дахащэмкӏэ

Къызэӏущащэт, уей.

Гухэлъыр мафӏэу маблэр,

Ныбжьэгъухэм фи нэр вгъаплъи.

Зевгъэщӏыт джэгум кӏащхъэ, -

Къытхуещӏ лэгъунэм нащхьэ.

Уей, дуней, уей, дуней,

Псэм хэлъыр гуащӏэмэ,

Жэщ кӏыхьри мащӏэкъэ, уей.