Жумыӏэфу

Псалъэхэр зытхар - Къанкъул Фӏ.

Макъамэр зытхар - Щомахуэ Хь.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Сыпӏуплъэхукӏэ уи нэ щхъуантӏэр псы ӏэрышэурэ уоӏуантӏэр.

Жумыӏэфу, жумыӏэфу, жумыӏэфу: «Си псэ закъуэ».

Мы си туфлъэм лъэр къекъузыр, си ӏэ ижьыр уэ бокъузыр.

Жумыӏэфу, жумыӏэфу, жумыӏэфу: «Си псэ закъуэ».

Къыкъуокӏ дыгъэр, ар къуохьэжыр, сэ пщӏантӏэшхуэм сыдохьэжыр.

Жумыӏэфу, жумыӏэфу, жумыӏэфу: «Си псэ закъуэ».

Укъэпсалъэрэ сэ къытесхмэ, телефоныр тыболъхьэжыр.

Жумыӏэфу, жумыӏэфу, жумыӏэфу: «Си псэ закъуэ».

Дунейшхуэм щызизакъуэщ, мы си гъащӏэр зейр уэ закъуэщ.

Жумыӏэфу, жумыӏэфу, жумыӏэфу: «Си псэ закъуэ».

Источник: @zhygue

ключевые слова: жумы1эфу