Удз гъэгъа

ТЕКСТ ПЕСНИ:

1.

Схуэгъэгъэжкъым розэуэ уи нэгур,

Нэкъуэлэнхэм си сурэт къимыщ.

Си сэламри щӏыӏэ щохъу уи ӏэгум,

Уигум щэхуу кӏуауэ къеӏущэщ.

Припев:

Дахэу удз гъэгъа,

Япэу къыхэсха,

Сэ уэрэдкӏэ гъащӏэм ухэстхат.

Ауэ сыт къарум,

Сипсэм ухиха?

Сыткӏэ уигу сеуа си дахэ?

Хэт усӏэщӏиха си гъатхэ?

Жэуапыншэу щхьа сыкъэбгъэна?

2.

Сынопсалъэм щӏыбкӏэ зыбогъазэр.

Сэтэней хуэлауэ щӏым уоплъых.

Уэ сыппоплъэ гъащӏэм щызимазэ,

Уи ӏуплъэгъуэ закъуэм сыщӏохъуэпс.

Припев.

3.

Лъагъуныгъэм къигъэщӏащ зы хабзэ

Гуауэ щыхъуми пэжыр имыхъуэж.

Къызэтыж уэ сигур зыкъэгъази,

Уи фэеплъу ар къысхуэгъэнэж.

Припев.

4.

Схуэгъэгъэжкъым розэуэ уи нэгур,

Нэкъуэлэнхэм си сурэт къимыщ.

Си сэламри щӏыӏэ щохъу уи ӏэгум,

Уигум щэхуу кӏуауэ къеӏущэщ.

Припев.

Скачать минусовку

Ключевые слова: сытк1э Сыкъэбгэна