Щӏопщакӏуэ уэрэд

народная песня

Исполнители: Зарамук Кардангушев

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Япщгуэрэ Хьэтохъущокъуэжьри

Дэмыси, уэ, си уэрайдэ,

Гущэжьурэ унагъуэм исыри,

Ай, бзэпсыщӏэщи, уэ, си уой уэредэ!

Бзэпсгуэрэ абы ищӏыгъэри

Къазыжьмэ я къурмэкъейт.

Къазыжьмэ и къурмэкъейр

Зэролъэфри, уэ, си уэредэ!

Шыфэмэ и ныкъуэ псори

Зи шалъэ, уэ, си уэредэ.

Шэгуэрэ абы илъыжри

Уой, зи ахъуэ, уэ, си уэредэ!

Ӏэхъуэмэ дгъэкӏуа щӏалэжьри

Къоджэдэжри, уэ, си уэредэ,

Тэхъуанэурэ си бжьыхьэкӏапэм

Къыщӏоувэри, уэ, си уэредэ!

Къокӏуатэри си бжэӏупэшхуэмэ

Къыӏуоувэри, уэ, си уэредэ.

Гъуджэурэ си щхьэгъубжэшхуэм

Къоувалӏэри, уэ, си уэредэ!

Щӏасэмэ жесӏа псалъищри

Нызэхехри, уэ, си уэредэ.

Ныбжькӏэрэ ирамых джатэри

Кърелъэфри, уэ, си уэредэ!

Теныфэурэ си джэдыгукӏэри

Къыпегъэщри, уэ, си уэредэ.

Ӏэдиихугуэрэ си ӏэблэшхуитӏри

Къыпеупщӏри, уэ, си уэредэ!