Адыгэ хэку (Уэ си щӏыналъэу, адыгэ хэку)

Псалъэхэр зытхар Къантемыр Т.

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Уэ си щӏыналъэу, адыгэ хэку,

Сэркӏэ щымыӏэ уэр нэхъ дуней,

Сӏутыр уэ уи псэрщ, уэрщ сыщӏэпсэур,

Узимыӏатэм сыт си дунейт.

Припев:

Адыгэ пшынэ, адыгэ къафэ, о,

Уэ тӏур ущыӏэм хэкури щыӏэщ,

Феуэт ӏэгум, лъэр зэролъэлъ,

Зэрызыгъэлъэлъыр лъэпкъым и пшынэрщ.

«Адыгэ» - жаӏэм, сохъур сэ ин,

Уи блэкӏагъари гум къыредзэж,

Ар зэфэзэщу лӏыгъэм и гъуэгущ,

Цӏэуэ уэ зепхьэм ухуэфащэжщ.

Припев.

Тхыдэм уегъафӏэр, адыгэ хэку,

Фӏыгъуэр зи псыхъуэм уэри дэпса,

Хъуэхъу мащӏэ гъащӏэм уэ пхужаӏар,

Ди пасэрейхэу дыдэс зы жьэгу.

Припев.

Щӏэблэ къытщӏэхъуэм уи щӏыхь яӏэт,

Шы емылыджу гъэхэр блолъэт,

Ауэ уэ ену узэрыщытщ,

Адыгэ хэкуу щӏы берычэт.

Припев.

Источник: @zhygue

ключевые слова: щ1ыналъэу