Лъагъуныгъэ уэрэд

ТЕКСТ ПЕСНИ:

И лъабжьэр щӏылъэм хэмытамэ

Жыгышхуэр сытым щӏиӏыгъэнт?

Дыгъэшхуэр уэгум имытамэ

Гуфӏэгъуэр сытым хуэгъэгъэнт?

Припев:

Фӏылъагъуныгъэр щымыӏамэ

Мы дунеишхуэр мыгъэгъэнт,

Ар цӏыхухэм я гум имылъамэ

Цӏыху насыпыфӏи щымыӏэнт.

Припев.

Жьапщэр къыкъуэурэ къыхитхъамэ

И къуэпсыр щӏылъэм хэкӏуэдэнт,

Е ар губампӏэм зэгуитхъамэ

И щхьэкӏэр гъатхэм мыгугъэнт.

Припев.

Уи лъагъуныгъэр мы си гущӏэм

Дыгъэу сыт щыгъуи щхьэщытам,

Къыпэлъэщынтэкъым си гъащӏэм

Борэни жьапщи зэхэтам.

Припев.

Источник: www.oredade.ru

Слушать бесплатно в исполнении Бетала Иванова

ключевые слова: льэгъуныгъэр щымыlамэ, Лъагъуныгъэм, Лъэгьуныгьэ