Сызэхэх

Автор - Светлана Тхагалегова

Исполнители: Светлана Тхагалегова

Категории: кабардинские песни

ТЕКСТ ПЕСНИ:

Ущызмылъагъукӏэрэ сэ

Си гум укъокӏри уэ,

Псынэпсу къабзэурэ

Си гур уэ пхуэкъабзэурэ

Сыту фӏыщэу сэ услъэгъуа,

Псынэпсу къабзэурэ

Си гур уэ пхуэкъабзэурэ

Сыту фӏыщэу сэ услъэгъуа.

Удз щхъуантӏэ дахэхэм сэ

Сахэту къыщызокӏухь,

Сыногупсысурэ

Си гум укъэкӏыжмэ

Мы си нэпсхэр сэ къысфӏыщӏокӏ,

Сыногупсысурэ

Си гум укъэкӏыжмэ

Мы си нэпсхэр сэ къысфӏыщӏокӏ.

Сызэхэх, сызэхэх,

Сызэхэхи уи гум сыкъэгъэкӏ.

Уэ укъэслъыхъуэурэ сэ

Си гъащӏэр псыуэ йожэх,

Нэпсу щӏэзгъэкӏри

Уэ умылъагъуми

Нэгъуэщӏ мыхъуми зэ сызэхэх,

Псынэпсу къабзэурэ

Си гур уэ пхуэкъабзэурэ

Нэгъуэщӏ мыхъуми зэ сызэхэх.

Сызэхэх, сызэхэх,

Сызэхэхи уи гум сыкъэгъэкӏ.

Источник: oredade.ru