ТЕКСТ ПЕСНИ:
Ей, си шылэхъар мыгъуэри
Раией мыгъуэ, зэрыкхъуакӏэ цӏынэрэ.
Щӏалэ цӏынэ гуакӏуэ мыгъуэр сэ къэзгъэнауэрэ,
Жагъуэлӏыми сешэ мыгъуэри.
Ей, си мэдилон мыгъуэри
Раией мыгъуэ, си бгъэгущхьэм илъымэ.
Гум хэмылъ щӏалэшхуэ мыгъуэр сэ щхьэгъусэ сщӏынурэ,
Сыту гузэвэгъуэ мыгъуэ, уей.
Ей, мы псыхьэ лъагъуэ мыгъуэм
Раией мыгъуэ, псыхьэ сынырокӏуэрэ.
Мы зэрыкӏуэ лъагъуэ мыгъуэм си нэр тедияуэрэ,
Си насып хэкӏыну пӏэрэ, ей.
Ей, сыхъыджэбз щӏалэ мыгъуэт
Раией мыгъуэ, фӏыуэ слъагъуи сиӏэти.
Щӏалэ лъагъугъуафӏэ мыгъуэр сэ къэзгъэнауэрэ,
Жагъуэлӏыми сешэ мыгъуэри.