Нартыжь уэрэд

народная песня

Исполнители: Кемал Думан

Категории: кабардинские песни

Вариант 1

(из книги "Нартхэр" под ред. Х.Кармокова)

 

ТЕКСТ:

Дунеижьыр, уей дуней, щымыджэмыпцlэм,

Щlылъэ щхъуантlэр, уей дуней, щызэпцlа гъащlэм,

Уойра уойра уорирари.

Уафэ къащхъуэр, уей дуней, хъыкlэ щаухуэм -

А лъэхъэнэм, уей дуней, сыгущэхэлът.

Уойра уойра уорирари.

Мы ди щlылъэр, уей дуней, мэлкlэ щаубэм -

А лъэхъэнэм, уей дуней, сышкlахъуэщlалэт.

Уойра уойра уорирари.

Индылыжьым, уей дуней, щlалэр щебакъуэм -

А лъэхъэнэм, уей дуней, сылlыныкъуэфlт.

Уойра уойра уорирари.

Афэбгыжьыр, уей дуней, къандзэгу щыхуэдэм -

А лъэхъэнэм, уей дуней, зи лlы lэфlыгъуэт.

Уойра уойра уорирари.

Афэбг мэзыр, уей дуней, щымычмыбжэгъум -

А лъэхъэнэм, уей дуней, сылlыныкъуэтхъут.

Уойра уойра уорирари.

Къаз и губгъуэ, уей дуней, дыщызэдихьэм

Щхьэкlуиер, уей дуней, къысхубогъакlуэ.

Уойра уойра уорирари.

Щхьэкlуиеурэ, уей дуней, къысхуэбгъэкlуам

А махуэм, уей дуней, сигъэтхъупащ.

Уойра уойра уорирари.

 

Вариант 2

(из книги З.Кардангушева "Адыгэ уэрэдыжьхэр")

 

ТЕКСТ:

Си джатэжьурэ, уой дуней, хьэщхьэрыlуэдзэ,

И дзэпкъитlымкlэ, уой дуней, лъыхэр йожэхри.

Уойра уойра уойращ уо.

Псы ежэхымэ, уой дуней, сызэпыроплъри,

Кхъухь фlыцlэжьхэри, уой дуней, къызэпырахури.

Уойра уойра уойращ уо.

Кхъухь фlыцlэжьурэ, уой дуней, къызэпрахумэ,

Дзэ фlыцlэжьхэри, уой дуней, къызэпрешри.

Уойра уойра уойращ уо.

Дзэ фlыцlэжьурэ, уой дуней, къызэпришмэ,

Ар дзэщхьыщкlэрэ, уой дуней, зынаузэщlри.

Уойра уойра уойращ уо.

Дзэр зезышэурэ, уой дуней, Тlотlэрэш ябгэ

А зэманмэ, уой дуней, дяужь имыкlи.

Уойра уойра уойращ уо.

Хъымыщыкъуэкlэ, уой дуней, ди Батэрэзи

А зэманмэ, уой дуней, ди дзэгъэшынэти.

Уойра уойра уойращ уо.

Уэр и пащlэри, уой дуней, хуэжэрумиблти,

Езы гущэмэ, уой дуней, пылыпкъыр хэлъти.

Уойра уойра уойращ уо.

 

послушать в исполнении Владимира Барагунова

 

Вариант 3

(из книги "Тыркуем ис адыгэхэр")

 

ТЕКСТ:

Дунеижьыр щымыджэ-мыпцlэмэ,

Щlылъэ фlыцlэр щызэпцlыгъакlэмэ,

Уафэхэр хъыкlэ щаухуэми,

Гъуэгухэри мэлкlэ щаубэми,

Ендылыжьым цlыхухэр щебакъуэмэ,

Бэщтэужьыр къанзэгу щыхуэдэмэ,

Абы щыгъуэ сыжьэкlэныкъуэтхъути.

Улкъущыным и шыпэху цlыкlури

Щlылъэ фlыцlэр къызэгуитхъынути,

Улкъущыным и къамэ фlыцlэри,

И кхъэлъапэдэсэти,

Улкъущыным и щlакlуэ къащхъуэри

И кхъащхьэпэтепхъуэти.

 

По сведениям информатора (Темджаныкъо Алаатин), это одна из лучших песен, и пели ее на застольях.

 

Вариант 4

(из книги "Тыркуем ис адыгэхэр")

 

ТЕКСТ:

Дунеижьыр щымыджэмыпцlэми,

Ар уафэмрэ щlылъэмрэ щызэпцlыгъащlэми,

Уафэхэри хъыкlэ щаухуэми,

Щlылъэхэри мэлкlэ щаубэми,

Бещтаужьыр къансэгу щыхуэдэми,

Индылыжьым цlыхухэр щебакъуэми,

Абы щыгъуэ сыжьакlэныкъуэтхъутэкъэ.

Щlы фlыцlэжьыр къызэгуэстхъынути,

Къылышкъуным и щlакlуэ кlащхъуэри,

Махуейхэми ди хьэдэтепхъуэти,

Къылышкъуным и фоч кlэщl цlыкlури,

Махуейхэми ди кхъащхьэдэсэти.

 

Вариант 5

(из книги "Тыркуем ис адыгэхэр")

 

ТЕКСТ:

Дунеижьыр щымыджэмыпцlэмэ,

Щlы фlыцlэжьыр щызэпцlыгъакlэмэ,

Уафэри хъыкlэ щаухуэмэ,

Щlылъэхэри мэлкlэ щаубэмэ,

Бещтоужьыр хъэнзэгу щыхуэдэмэ,

Индылыжьым цlыху цlыкlухэри щебакъуэмэ,

Абы щыгъуэ сыжьакlэныкъуэтхъути,

Щlы фlыцlэжьыр къызэгуэстхъынути,

Ар бэджыпщым сынимыгъакlуэти.

Къулкъужыну си щlакlуэ къащхъури,

Уэр махуейхэм си хьэдэ тепхъуэти.

Сэмпlалыурэ си джатэ кlэщlыжьыр

Уэр, махуейхэм ди кхъащхьэдэсэти.

 

послушать второй вариант исполнения